layout
Гъащ1э макъамэ - Чарим Озроков
Трек

Чарим Озроков - Гъащ1э макъамэ

Текст песни 
Текст песни: Сыхуещ мэзым сэ сыщ1эгъуэщыхьу

Зэш сымыщ1эу ар зыхэск1ухьын

Къуалэ бзум я макъым сыщ1эдэ1уу

Жыгыжь щ1агъым сыщ1эжеихьын



Хуэдэщ мы ди гъащ1эр пшынэ 1эпэхэм

1эпэ хужьхэр изогъэщхь махуэф1

1эпэ ф1ыц1эхэр ар нэщхъеягъуэщ

Ауэ зыдэщ1ыгъуу уздемыуэм

Мыхъу макъамэр 1эф1

1эпэ ф1ыц1эхэр ар нэщхъеягъуэщ

Ауэ зыдэщ1ыгъуу уздемыуэм

Мыхъу макъамэр 1эф1



Сыхуещ губгъуэ куэщ1ым сыщыхутэу

Уэсэпс тхьэмпэм телък1э зыстхьэщ1ын

Дыгъэр и щ1эплъып1эм къыщыкъуэк1к1э

Зыхуэзгъазэу бзийк1э зызгъэпск1ын



Хуэдэщ мы ди гъащ1эр пшынэ 1эпэхэм

1эпэ хужьхэр изогъэщхь махуэф1

1эпэ ф1ыц1эхэр ар нэщхъеягъуэщ

Ауэ зыдэщ1ыгъуу уздемыуэм

Мыхъу макъамэр 1эф1

1эпэ ф1ыц1эхэр ар нэщхъеягъуэщ

Ауэ зыдэщ1ыгъуу уздемыуэм

Мыхъу макъамэр 1эф1



Хуэдэщ мы ди гъащ1эр пшынэ 1эпэхэм

1эпэ хужьхэр изогъэщхь махуэф1

1эпэ ф1ыц1эхэр ар нэщхъеягъуэщ

Ауэ зыдэщ1ыгъуу уздемыуэм

Мыхъу макъамэр 1эф1

1эпэ ф1ыц1эхэр ар нэщхъеягъуэщ

Ауэ зыдэщ1ыгъуу уздемыуэм

Мыхъу макъамэр 1эф1

Ауэ зыдэщ1ыгъуу уздемыуэм

Мыхъу макъамэр 1эф1
Слушать
Скачать mp3
2

Комментарии

Комментариев пока нет
Player
×
Song coverSong cover

Song coverSong cover

Текущий плейлист
Song cover